We’ve updated our Terms of Use to reflect our new entity name and address. You can review the changes here.
We’ve updated our Terms of Use. You can review the changes here.

Г​ъ​ы​б​з​э - Т​х​ь​э​у​с​ы​х​э у​э​р​э​д​х​э​р​/​Laments and Grief songs (live performance)

by Bashir Khatsouk

/
  • Streaming + Download

    Includes high-quality download in MP3, FLAC and more. Paying supporters also get unlimited streaming via the free Bandcamp app.
    Purchasable with gift card

      name your price

     

1.
ПцIы сыупсымэ, сыпхъэдзасэт (гущэ)! Мы зэхэсхэр (иджы, ей дуней жи) фыкъэдаIуэт (уой): УедэIуэнкIэрэ сыпшыналъэт (гущэ). Пхъэм и налъэр (иджы, ей дуней жи) бэм и уасэщ, Пхъэ гъэсынурэ сыкъывошэр (иджы), Сыкъызэрыфшэр (гущэ, ей дуней жи) вы уэдитIкъэ (уой). Фи жьэгушхуэмэ сыдобзахэ (иджы), Сыкъыпэрыфхымэ, (ей дуней жи) сыфIэмыщIкъэ (уой), ГъущIыр щащIкIэрэ сэ согъажьэр (иджы). Сыкхъужьей, (гущэ, ей дуней жи) сыкъогъагъэри (уой), Гъэр фейцеймэ, сэ фызопIыри, Сабийр щапIкIэрэ (ей дуней жи) сывигущэт (уой), Гуащэр тIысымэ, сышэнтжьей (гущэ), Кхъуафэжьейуэрэ (ей дуней жи) хым щызокIуэри (уой). НакIуэ – къакIуэхэр сэ къызодзыри. Шабзэр щадзкIэрэ (ей дуней жи) сышабзэкъукъэ (уой), Сыбгыкъужьурэ унэм силът (гущэ), ФIы збгъэдэлъымэ, (ей дуней жи) къысхужыфIэт (уой). Пхъэм уеуIумэ, сыт си лажьэ мыгъуэ? Лажьэ сиIэмэ, (ей дуней жи) сыкъэвгъауэ (уой), Тхьэр зэуэнхэ, сывмыгъэгъу (мыгъуэ)! Фи гъунэгъухэр (иджы, ей дуней жи) къыздывошэри (уой). Гъэхэм зефшэурэ сывиIэжьэщ (гущэ), ТIэкIу зывIэжьэмэ, (ей дуней жи) сыбэгъуэнти (уой).
2.
Сыкъызэралъхурэ, уэй лажьэ, Фадэ семыфэ, уо-о Тотын сефэн щхьэкlэ, уэй дуней, Жып симыlэбэ, уо-о Дыгъуэн си lуэхуурэ, уэй лажьэ, Саугъэделэркъэ, уо-о Мы зы делэгъуэмэ, уэй дуней, Быным сахыумыдз мыгъуэ, уо-о Си гум къыридзэмэ, уэй лажьэ, Мэзанхэ сокlуэ, уо-о Мы Гум къалэжьымэ, уэй дуней, Зыщызогъэлъагъуэ, уо-о Цlыхум сыкъалъагъумэ, уэй лажьэ, Щlакъуэ зызощlырэ, уо-о Си щlакъуэ башыри, уэй дуней, Сэ нызэфызощlэ, уо-о Си гум ислъхьахэри, уэй лажьэ, Си анэжьым къещlэри, уо-о Борый хьэблэжьмэ, уэй дуней, Щlалэр дэмыс мыгъуэ, уо-о Хъыджэбзу дэсхэрый, уэй лажьэ, Фызэрызошэри, уо-о Фызэрошажьэри, уэй дуней, Быцэр дывош мыгъуэ, уо-о Сыфкlэлъыдокlыри, уэй лажьэ, Сыфкlэлъокlуатэри, уо-о Сывоукlуэталlэри, уэй дуней, Быцэм зызодзыра, уо-о И данлъэ матэри, уэй лажьэ, Хыфlызогъадзэрэ, уо-о Гъатхэпэ удзхэри, уэй дуней, Къызогъэфыщlырэ, уо-о Си къатыр цlыкlури, уэй лажьэ, Фэ тlуащlэ лъэгу мыгъуэт, уо-о Батэгъэжь лъэгумэ, уэй дуней, Фызыжь щагъабгэри, уо-о Лъеиншэ ябгэри, уэй лажьэ, Сызэрызимыlэ мыгъуэ, уо-о Шэбыихъу цlыкlур сиlэти, уэй дуней, Зы быдзышэ ефа мыгъуэт, уо-о И анэжьым и бгъэри, уэй лажьэ, Къызэлъыlуех мыгъуэ, уо-о Шэбыихъу цlыкlумэ, уэй дуней, И lуэху хехыжырэ, уо-о
3.
Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщтыр Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщтыр Сэ шэ гъэпщта тIэкIу мыгъуэми сыщIобэгри Си мэлыхъуэ башыр си пIэщхьагъкъэ Си мэлыхъуэ башыр си пIэщхьагъкъэ Сэ къазыц пIэщхьагъ мыгъуэми сыщIобэгри Си мэлыхъуэ Iэнлъэр си уэншэкукъэ Си мэлыхъуэ Iэнлъэр си уэншэкукъэ Сэ бацэ уэншэку мыгъуэми сыщIобэгри Ар Альтудмэ и Iуащхьэр уи Iуащхьашхуэщ Ар Альтудмэ и Iуащхьэр уи Iуащхьашхуэщ Уой шуушхуэ къакIуэ мыгъуэр Кушыкупщ къысфIощI Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ Сэ си мэлым и бжыгъэ мыгъуэр хэт жесIэну сэ? Лагъуп пкъо зэхуакIум сыкъыдоплъыр Лагъуп пкъо зэхуакIум сыкъыдоплъыр Сэ си мащэр ятI мыгъуэурэ, уей солъагъур..
4.
Сэ ди хэку гущэмэ сыщымыдыгъуэ (рэтIэй), ДыгъуапIэу сиIэри дэ ди мыхэкут (рэтIэ). Мы зы гъуэгу гущэмэ и гум сынохьэ (рэтIэй), (Уей, жыпIэркъэ) сыщхьэхуимыти (рэтIэ)! Тетыжь бзаджэ гущэмэ къыскIэлъегъапхъэ (рэтIэй), Шу пхъэрыжь куэдмэ пщIантIэр япщытэ (рэтIэ). Сэ сощатэри кIыфIым сыхохьэ (рэтIэ), (уей, жыпIэркъэ) сыщхьэхуимыти (рэтIэ). НыбжьыщIэ гущэуэ къызэзнэкIыгъэмрэ, Сабий бынгуэрэ къыскIэлъы (уой) гъыбэмрэ, Си анэжь гущэуэ къыскIэлъыпыхьэмрэ Схуэмыфащэуэ сыкъагъэубзэ (рэтIэ). Схуэмыфащэ гущэу си Iэщэ-фащэр (атIэй) (уей) а махуэми си бгым нырахи (атIэ). Си жагъуэгъу гущэуэ сызэхэзыхым (рэтIэй), «КIаш!» - жари сыратхьэлъанэщ (атIэ). НыбжьэгъуфI гущэуэ сызэхэзыхым (рэтIэй), «КIаш!» - жари сафIэгуэузи (рэтIэ). (Уойрэщ, жыпIэркъэ) сыникIыжынут (рэтIэй), (уей, жыпIэркъэ) лъагъуэр имыIэ (рэтIэ). (МыдэкIэрэ) зы лъагъуэ иIэт (рэтIэй), (уей, жыпIэркъэ) хьэхэр къытожьэ (рэтIэ). Си Iуэхум и пэри блэ къуэлэныкIэт (рэтIэй), (уейрэ, жыпIэркъэ) къызэлъыкъощи (рэтIэ). Си Iуэхум и кIэри благъуэ IунэщIт (рэтIэй) (уойрэ, жыпIэркъэ) зэдокIуэдыжи (рэтIэ). Тхьэзрит гущэмэ емыфыкI узт (рэтIэ). Ажал узкIэрэ си псэр хэмыкIи (рэтIэ). Хьэдырыхэ гущэуэ дыгъэр щемыпсым (рэтIэй), Сэ сыпсэу гущэурэ игъум сыдоплъэ (рэтIэ). НыбжьэгъуфI гущэуэ къыскIэлъымыплъым (а-ай) (уой) сэ си тхьэми къахуимыгъэгъуи (рэтIэ)!
5.
Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ, Мылъхуэжыныр пэщтыхь фызхэм къахукIуэ. ХьэщIэ къакIуэм пщылI хъыджэбзхэр иращэ, Жэщыр хъумэ гупсысэным дегъалIэ. Щэныбэжьхэм пщылI сабийхэр яукIи, КIэ имыIэу я гъы макъыр зэхох. Хей ящIамэ дэ дымысэу къыщIокI, КIэ имыIэу я бэлыхьыр дошэч. Мы гъэрэщым сэкъатыншэу докIуадэ, Ди кIуэдыкӏэм пщылI фызыжьхэр йолIыкI. Япэ лIамэ дыщIэхъуэпсу дыкъонэ, Дяужь къинэм я насыпыр текIуэнущ. Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ, Мылъхуэжыныр пэщтыхь фызхэм къахукIуэ.
6.
Ипщэкӏэ сыдэплъеямэ, Коммунэхэр пшагъуэ гуэрэнымэ, Дотэхур шу гуэрэнышхуэу Кубанскэмкӏэ екӏуэкӏыжа мыгъуэщ. Мофурэ си бостей фӏыцӏэр Щӏы фӏыцӏэжьым нытызолъафи, Дотэхум къысхуилъэфахэри Коммунистхэм ялъэфыжа мыгъуэщ. Дыщэурэ си ӏэлъын дахэр Ӏэрызохри куэщӏым изодзэ, Дотэхур си гум къридзэмэ, Си фэ дахэм зызэредзэкӏ мыгъуэр. Мофурэ си бостей фӏыцӏэр Щӏы фӏыцӏэжьым нытызолъафэри, Коммунистхэр си гум дэзгъафэурэ, Дотэхур си фэм къеӏуатэр сэ. Жэзурэ си сэмэварри Бахъаем къызэгуеудри, Си гущхьэр зэгуэмыудуэрэ Дотэхур фэ къысхуэфшэж мыгъуэ!
7.
Ей-ей, ей жи, иджырей пщащэхэри Ар щауэ къуэданхэми кlэлъоплъри. Ей-ей, ей жи, дызыкlэлъыплъмэ, Уой, адэщlэиныншэ дахещlэри. Ей-ей, ей жи, сщlа псор жысlэжмэ, Ей, мы лlыжь щхьэщытхъури къысфIащи. Ей-ей, ей жи, сэ симыщlащхьэ, Ей, пщы Щэуэтыкъри хэзгъащlи. Ей-ей, ей жи, си джатэ кlэщlри, Ей, пщым и гущlыlумэ щызгъабзи. Ей-ей, ей жи, и бзэ дыджыжьри, Ей, и хьэдэ лъапэмэ щlэстIэжи. Ей-ей, ей жи, и афэ джанэри, Ей, пхъуантэ фlыцlэжьмэ дэзгъахи. Ей-ей, ей жи, и пащlэгъуитlри, Ей, си бгъэгущталъэмэ йогъухьи. Ей-ей, ей жи, и пщlэгъуалэжьри, Уой, хьэсэпэр ихъуурэ къэзгъани. Ей-ей, ей жи, и хьэджафитlри, Ай, хьэдэ хъумэнымэ егъалlэ. Ей-ей, ей жи, солlапэ жысlэри, Уой, си пхъэ пшынэжьри согъаджэ. Ей-ей, ей жи, си нэджэ - къаджэмэ, Уой, псы ныджэ пшахъуэр яубэ. Ей-ей, ей жи, сызыубынмэ, Уар, махуэ и хьэдэ(хь) ирихи. Ей-ей, ей жи, сэ си щlалэгъуэмэ, Уой, пщы Щэуэтыкъри хэзгъащlи.

about

Это мое первое персональное выступление. В пространстве выставки «Обнаружение», художницы Милы Хацук в Большом зале Национального музея КБР.
Здесь я исполнил песни-плачи и песни-жалобы, используя нетрадиционные инструменты для адыгской музыки, а именно, виолончель, который служит мне взамен традиционной шикапшины, и как подпевка (ежьу). Например, в песне «Нартыгу и тхьэусыхэ» (исп. З. Кардангучев, архив радио КБАССР), также использовалась виолончель, но только лишь вместо традиционного инструмента Шикапшина. Ежьу в этой песне подпевал хор.
В традиционном формате ежьу исполняют один или несколько голосов. Я нахожу, что виолончель отлично сочетается по своему тембру с мужским голосом ежьу. Поэтому виолончель заменяет мне голос ежьу.
Многолетний опыт игры и экспериментирования на барабанной установке «вынуждает» меня в некоторых песнях подчеркивать ритм бас-бочкой и хай-хетом. Это мой первый опыт подобной комбинации инструментов.
Приятного прослушивания.

credits

released May 8, 2022

license

tags

If you like Bashir Khatsouk, you may also like: