1. |
Нартыгу и тхьэуысыхэ
08:37
|
|||
Ей-ей, ей жи, иджырей пщащэхэри
Ар щауэ къуэданхэми кlэлъоплъри.
Ей-ей, ей жи, дызыкlэлъыплъмэ,
Уой, адэщlэиныншэ дахещlэри.
Ей-ей, ей жи, сщlа псор жысlэжмэ,
Ей, мы лlыжь щхьэщытхъури къысфIащи.
Ей-ей, ей жи, сэ симыщlащхьэ,
Ей, пщы Щэуэтыкъри хэзгъащlи.
Ей-ей, ей жи, си джатэ кlэщlри,
Ей, пщым и гуыщlыlумэ щызгъабзи.
Ей-ей, ей жи, и бзэ дыджыжьри,
Ей, и хьэдэ лъапэмэ щlэстIэжи.
Ей-ей, ей жи, и афэ джанэри,
Ей, пхъуантэ фlыцlэжьмэ дэзгъахи.
Ей-ей, ей жи, и пащlэгъуитlри,
Ей, си бгъэгущталъэмэ йогъуыхьи.
Ей-ей, ей жи, и пщlэгъуалэжьри,
Уой, хьэсэпэр ихъуурэ къэзгъани.
Ей-ей, ей жи, и хьэджафитlри,
Ай, хьэдэ хъумэнымэ егъалlэ.
Ей-ей, ей жи, солlапэ жысlэри,
Уой, си пхъэ пшынэжьри согъаджэ.
Ей-ей, ей жи, си нэджэ - къаджэмэ,
Уой, псы ныджэ пшахъуэр яубэ.
Ей-ей, ей жи, сызыуыбынмэ,
Уар, махуэ и хьэдэ ирихи.
Ей-ей, ей жи, сэ си щlалэгъуэмэ,
Уой, пщы Щэуэтыкъри хэзгъащlи.
|
||||
2. |
||||
Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщтыр
Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщтыр
Сэ шэ гъэпщта тIэкIу мыгъуэми сыщIобэгри
Си мэлыхъуэ башыр си пIэщхьагъкъэ
Си мэлыхъуэ башыр си пIэщхьагъкъэ
Сэ къазыц пIэщхьагъ мыгъуэми сыщIобэгри
Си мэлыхъуэ Iэнлъэр си уэншэкукъэ
Си мэлыхъуэ Iэнлъэр си уэншэкукъэ
Сэ бацэ уэншэку мыгъуэми сыщIобэгри
Ар Альтудмэ и Iуащхьэр уи Iуащхьашхуэщ
Ар Альтудмэ и Iуащхьэр уи Iуащхьашхуэщ
Уой шуушхуэ къакIуэ мыгъуэр Кушыкупщ къысфIощI
Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ
Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ
Сэ си мэлым и бжыгъэ мыгъуэр хэт жесIэну сэ?
Лагъуп пкъо зэхуакIум сыкъыдоплъыр
Лагъуп пкъо зэхуакIум сыкъыдоплъыр
Сэ си мащэр ятI мыгъуэурэ, уей солъагъур..
|
||||
3. |
Трамэ и къуэ Къарэбэтыр
07:23
|
|||
ХьэтIохъущокъуэ Трам и къуэ Къарэбэтыр.
ежьу:
уэй раурира рира ооой раурира
ой рауэрира рира уэрирай раурира
оой раурира оо рира уей
ээээй зиунагъуэрэ,
уэ дыкъалъху гуыщэри,
уэ дыкIуэдыжа мыгъуи.
Къэхьырмэн гущэм Iуащхьэр къеубэрэ,
Шыбзыбэ гущэмэ пхъащхьэр пагъэщыр.
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, уэй дуней,
ХьэтIохъущокъуэхэкIэ уэр щIалэ хужь пагуи.
Мэсейуэрэ си хьэзыр тIощI гущэр
Фоч гъуэз гущэмэ къысхуегъэуфIыцIыр.
Ерыжыбурэ си фоч фIыцIэжь гущэри, уэй дуней,
Джаур сотнэ гущэмэ, уэй, ятызоунащIэр.
АдрыщI гущэмэ сызэпырыплъымэ,
НыбжьыщIэхэр щызэбгырашыр.
Ар фочыпэхэр щызэхашиякIэрэ, уэй дуней,
Уэркъ щауэ гущэхэр, уэй, псэемыблэжти
Шым и фащэм шыбгыр къеухуэ,
Зеухуэри мэзым щIохьэжтэкъэ.
Ар езы гущэри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, уэй дуней,
Трамэ и къуэкIэ уэ Къарэбэтырщи
Зи шыпхъу хьэдэр зи зэпэбаш гущэ,
Зи къуэш хьэдэр зи щIыбырыхь жи.
Ар езы гущэри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, уэй дуней,
Трамэ и къуэкIэ уэ Къарэбэтырщ жи
Беслъэней гущэмэ фи щIалэгъуалэмэ,
А махуэмэ къытхузырошхыр.
Къэбэрдейхэмэ фи пщыжь гъэшха гущэхэр, уэй дуней,
Iуащхьэ къуагъ гущэмэ, уэй, къытхукъуэвгъэкI жи.
Къэсейхэ ФатIимэт гуащэм жи
ШэджагъуакIуэ дэ къытхуимыкIукъэ.
Лъэсу кIуэнкIэрэ дызыщIэмыхьэжыри, уэй дуней,
НартбейхэкIэрэ уэ Гуащэхъурейщ жи
|
||||
4. |
Жэниболэт и уэрэд
06:01
|
|||
Ядэ гуыщэри Ечэмэзыкъуэ,
И къуэри Жаниболэти.
Ар Жаниболэт гуыщэмэ и закъуэ,
Уэ, и закъуэ щхьэкlэрэ, закъуащэт.
Рэ, Андолэ гуащэри си егъути,
Зэкъуэ-зэшыбгъури тхьэщишэт.
Уэр, си цей джэхужьри кlэбдзауэт,
Уэр, Жаниболэт гуыщэр мэуэхъур.
Ай, lэнэр зэрипхъуэ гуыщэмэ си lэщхьэ,
Уэр, си lэщхьэжьитl гуыщэри мэпсэхукъэ.
Уэр, Тэмэз и къуищ гуыщэри си хьэщlэт,
Уэр, си хьэщlэ щхьэкlэ, си щlасэт.
Яш гуыщэхэр хьэуазэм къегъэгъуи,
Езы гуыщэхэр хьэщlэщ нэщlыжьым щlогъухьыр.
|
Streaming and Download help
If you like Bashir Khatsouk, you may also like:
Bandcamp Daily your guide to the world of Bandcamp